Залина Сокурова.

ДИ ЛЪЭПКЪ, ДИ БЛЭК1А, ДИ КЪЭК1УЭНУ!

 

       Дэтхэнэ лъэпкъми и къэк1уэнур зэлъытар щ1эблэщ1э къэхъум лъэпкъым, хэкум ф1ылъагъуныгъэ хуи1эу къэгъэтэджынырщ, лъэпкъ хабзэр игум дыхьэу къэгъэхъунырщ. Лъэпкъыр ф1ыми 1ейми къызэращ1эр и хабзэрщ Адыгэ хабзэм пщ1эшхуэ и1эу щытащ.

       Адыгэ хабзэм ц1ыхур ц1ыхугъэм хуеущий, л1ыгъэм, пэжыгъэм хуегъасэ, ц1ыхум и пщ1эмрэ и щ1ыхьымрэ егъэлъап1э. Адыгэр зеик1 къэрэбгъакъым, и къару щыгугъыжу псэуащ. Я хэкур яхъумэжын дэнэ къэна, нэгъуэщ1 хэкухэм къалъытэу, къаф1эл1ык1ыу щытащ.

Унэм щисми, ц1ыхум щыхыхьэми гъуэгу щытеувэми адыгэр хабзэм тк1ийуэ

тетт, и щхьэр хилъхьами, ебакъуэ хъунутэкъым абы – нэхъыбэм дежи арат зэрыхъур: лъэпкъ хабзэр имыкъутэн, и лъэпкъыр имыгъэук1ытэн щхьэк1э,

гъащ1эр ятын яхузэф1эк1т ди адэжьхэм. Адыгэм гъуэгуанэ к1ыхь къик1уащ гузэвэгъуэрэ нэщ1эбжьэк1э сеяуэ.

       Кавказ зауэм и к1эм кърик1уа насыпыншагъэр щыщщ а гъуэгуанэ к1ыхьым. Мелуаным щ1игъуу щыта лъэпкъым и зэхуэдит1ым   я щхьэр халъхьащ илъэсищэм нэблагъэк1э мыужьыха зауэм. Тенджыз ф1ыцэм и 1уфэр адыгэхэм и къупщхьэм щ1игъэнащ. Ахэр тек1уэдащ я лъахэм, лъэпкъым хуа1а лъэгъуныгъэм, пэжыныгъэм. Минищэ зыбжанэм хэкур ябгынэн хуей хъуащ, абы къыхэк1уи адыгэр хамэщ1ым щипхъа хъуахэщ. Ари щыщщ урыс-кавказ зауэм гур зыхуз лъэужьу къигъэнахэм. 

       Адыгэр хамэ хэгъуэгухэм залымыгъэк1э къыщыхутами, и адэжь лъахэ имыгъэзэжыну зэи игу илъакъым. Я щхьэ кърик1уа леишхуэм имыгъэдзыхэхэу ахэр хущ1экъуащ я адэжьхэм я щ1эину къахуэна анэдэлъхубзэр, адыгэ хабзэр, лъэпкъ щ1эныр, щэнхабзэр ямыгъэк1уэду зэрахъумэжынум.

       Нт1э хэт нобэ дэ ди лъахэм дисыжу ди хабзэ дахэхэр, ди нэмысыр, ди

бзэр т1ыгъыжыным зэран хуэхъур? Хэт къытпэрыуэр? Тхьэ дгъэк1уэдыжын

хуей ди адыгагъэр?

       Тхыдэм къыдидза фэбжьым димыхьу зыкъедгъэлын, ди къуэпсыр мыгъужын щхьэк1э дэ, адыгэхэр, хэти хуэмыдэу, дызыхуэ1эф1у, дызэхуэсакъыу, дызэхуэпэжу дыщытын хуейщ,

Зэманыр мак1уэ, гъащ1эм зехъуэж. дунейм зэхъуэк1ыныгъэ куэд къыщохъу.

Псоми задебгъэк1ун хуейщ. Зэманыщ1эм пэмыхъун гуэрхэри хэлъ хъунщ ди хабзэм, абы къыдэк1уэуи зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр ягъуэт, ауэ ар зэрыщытын хуейр зэхъуэк1ыныгъэущ, ахъумэ зэхэкъутэныгъэукъым. Зэманым къихь зэхъуэк1ыныгъэхэри, нэгъуэщ1 лъэпкъым я псэук1э-дуней  тетык1эм дахэу хэлъри зэхэпщ1эфу, ауэ уэ езым уи лъэпкъ хабзэр уи лъабжьэу ущытын хуейщ.

       Лъэпкъым и псэр зыхэлъыр и тхыдэрщ, и бзэрщ, къэхъу щ1эблэщ1эрщ. Щы1эщ адэ-анэхэ, дохуапэ, догъашхэ, зыхуей хуэдгъэныкъуэкъым, и ныбжьэгъу едгъэхъуапсэкъым, атк1э егъэджак1уэхэм я1уэхущ, жа1эурэ я бынхэр еджап1эм щ1эзыгъэк1хэр. Ар щыуагъэшхуэщ. Лъэпкъыр лъэпкъ зыщ1ыр адэ-анэм унэм щ1игъэк1 и быным щ1ригъэх гъэсэныгъэрщ, нэмысырщ. Ахэр нэхъыбэу къызыбгъэдэк1ыр анэрщ, адыгэ бзылъхугъэрщ.

       Нэмысыр къыбдалъхуами пф1эк1уэдынущ, ар зыхузепхьэн, зыхъумэфын уимы1эмэ. Хэт нт1э нэмыс зыхуищ1ынур адыгэ бзылъхугъэм? Пщащэ къок1уэ жи1эу зи хъуэнэн къэзмыгъанэу уэрамым тет щ1элэгъуалэра хьэмэрэ жэщ хъуху куэбжэпэм куэзыр щыджэгу ефэрейхэра?  Ауэ ар жыс1эу адыгэ ц1ыхубзми щхьэщысхыну сыхуейкъым и къуэншагъэри.

       Хабзэ дахэ куэд зэрихьащ ди адыгэ лъэпкъым. Лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уа адыгыгъэр, щэн дахэр 1эщ1ыб дощ1. Ди анэдэлъхубзэр, ди хабзэр нобэ хуэдэу щыдэхухэха, пщ1э щимы1эж зэман щы1ауэ къыщ1эк1ынкъым. Адыгэ лъэпкъыр къыщыгъэщ1эрэщ1эжын  хуей зэманщ иджыпсту – ар ди къэлэнщ нобэрей щ1эблэм. Дэтхэнэ ди зы лъэбакъуэми елъытащ ди лъэпкъым и къэк1уэнур.

       Ди псэук1эр зэ мыхъуми зэ зэтес хъужынущ, ауэ нобэ 1эщ1ыб тщ1ы

хабзэмрэ бзыпхъэмрэ иужьк1э къытхуэщтэжыну п1эрэ? Ар къезыгъэщтэжыни ди1эну? Ц1ыхур псэуху ф1ым щогугъ. Сэри согугъэ зы хабзэ, зы къежьап1э зи1э адыгэхэр зэкъуэт дыхъужыну, адэжьхэр зэрыпагэу щыта адыгагъэр къэт1этыжыну. Ижакъым иджыри адыгэ лъэпкъым и вагъуэр!

 

 

Назад…

Hosted by uCoz